GGDROP

Астемир Теркулов — Сыт къэхъуар

Уи гур хэщIу, уей, уогъыр, сыт къэхъуар?
ЖыIэт псынщIэу, уей, сыт уи жагъуэ хъуар?

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ.
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ.

Уи гурылъхэр, уей, уэ къысхуэунэщI.
Уи насыпхэр, уей, си псэм уэ къегъэщI.

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ.
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ.

Удзыпэ цIыкIуу, уей, щIым къыхэжым
Уи нэ къабзитIкIэ, уей, уодэхащIэ

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ.
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ.

Къурш псынэ къабзэу, уей, си гурыщIэхэр
Уи нэ гуапитIым, уей, ящI IурыщIэ.

ГъащIэ дахэр уи нэкIущхьэм
Дыгъэу щызгъэблэнщ.
Псалъэ гуауэр хэщI уи гущхьэм
Си щызгъэгъупщэнщ.

Рекомендуем:  ЭGO - Темная ночь
Поделиться с друзьями
MP3LYRICS
Добавить комментарий